Текст песни «Черим Нахушев - Къофэ адыгэ лъэпкъыр»
Пшэр зэрызехьэу уэгум ихьамэ,
Дыгъэр къэувыІэу къызыплъэкІамэ,
Къуршхэм уэспыІэр зыщхьэрахамэ,
Хыри къимыуэу зиущэхуамэ,
Ежьу :
Къофэ, къофэ, къофэ, Адыгэ Лъэпкъыр !
Къофэ, мэгуфІэ нобэ, си Къэбэдейхэр !
Ей си дуней, ой си Къэбэрдей
Ей си дуней, ой си Адыгей
Къафэ, гуфІэ, Іэгум феуэ, нобэ си Къэбэрдей
Дыгъэр, Мазэр, уэ къэбдофэ, нобэ си Адыгей
ЩIылъэр, Уафэр, уэ къохъуапсэр, нобэ си Къэбэрдей
Вагъуэхэр пщІыпщІу уэгум ипхъамэ,
Дыгъэм и бзийхэр зыкІэщІихамэ,
Хъыринэ ещІэу щІылъэм щІидзамэ,
ЦІухухэм щхьэгъубжэр псынщIэу Iуадзамэ,
Ежьу.
Мылылъэ губгъуэр псыуэ жэбзэмэ,
Алаырэбгъу щхъуантІэр щІым къиубгъуамэ,
Бзыухэр бзэрабзэу жыгыщхьэм исмэ,
Мазэм ипсикІэу сэлам къыдихмэ,
Ежьу.
Бораным щІылъэм зыщІиубгъуамэ,
ЩІымахуэ щылэм зиудыгъамэ,
Іэгуауэ макъыр уафэу гъуэуамэ,
«Афэрым» жиІэу дадэ тэджамэ,
Страница с mp3: